хъуэхъу дахэ на день рождения бабушке
Хъуэхъу дахэ на день рождения бабушке
Уэ нобэ уи махуэщ, си Дахащэ!
ЩытIагъэ нэхъ дахэу щыIэ фащэр!
Уэ нобэ унагъуэщIэ уохьэ,
Уэ нобэ гъуэгущIэ утохьэ.
Хабзэ дахэкIэ къэхъуауэ ухъыджэбзщ.
Насып-гуфIэгъуэ икъукIэ пхуэфэщэпсщ.
Хьэл-щэн дахэкIэ гъэнщIа си пщащэ!
Уэ сыткIи гъуэгу дахэщ пхуэфащэр!
Уэ напIэзыпIэм утфIэхъуащ нысащIэ!
Уэ екIуэкIынущ нобэ уи нысашэ.
Къоубзэ-къобзэрабзэ мы дунейр!
ГущIитI зэгъусэрщ нобэ махуэр зейр!
Убыд, щауэщIэ, быдэу абы и Iэр!
Уэ, щIалэ хахуэ, нобэ зумышыIэ!
Ар уэ уи плъапIэщ! Ар пхуэхъуащ щхьэгъусэ!
ЕфхьэкIыну сохъуахъуэ мы гъащIэр зэгъусэу!
Бгы лъагэ уардэхэм ещхьу фызэкъуэту!
ГукIэ псалъэншэуи фызэрыгъуэту!
Зым и дуней еплъыкIэм адрейр щхьэрымыбакъуэу!
Зыр щыпсалъэм адрейр щэхуу едаIуэу!
ИремыхъуэпскI фи гъащIэ уафэр!
Ирехъу фи гъащIэр, си пщащэ, насыпыфIэ!
Ди Тхьэ, къэхъумэ ди губгъуэр,
Дэ дызырап1ык1ар,
Ноби дызыщыгугъыр,
Ди тхыдэр зи нэгу щ1эк1ар.
Ди Тхьэ, къэхъумэ 1уащхьэ,
Щхьэлажьэу хэплъэжыр блэк1ам.
(Зеплъэнти къэп1ейтей бгъащхъуэу,
Блэк1ам лъэтэжынт ар, лъэк1ам).
Ди Тхьэ, тхуэхъумэ 1уащхьэри,
Вагъуэри хуэхъумэ псэм.
Мыващхъуэри, пц1ащхъуэри, бгъащхъуэри
Дэгъэбзэрабзэ бзэм.
Бзэм къимыт1асэ Тхьэлъэ1ури
Ди Тхьэ, мы губгъуэм лъыгъэс.
Ди Тхьэ, мы ди Хэку т1эк1уми
1э хуабэк1э къылъэ1эс.
Кхъуей плъыжь к1эрыш1эм и хъуэхъу.
Хъуэхъу дахэ на день рождения бабушке
Нысаш1эм япэ 1энэ къыщищтэм и деж зэрехъуэхъур.
И нэзыр жьым дэхуарзэу,
Хуарзэу щlалэ жаным къиlыгъыу,
Зыхуаlэтыр хасэ щыпкъэу,
Адыгэ Ныпыр щыlэну сохъуахъуэр,
Хъуэхъум я нэхъыфlыр Тхьэм къырипэс!
Адыгэ хъуэхъу (дунейм къытехьа сабий ц1ык1ухэм я хъуэхъу))
Мис нобэ фи сабийм и къэхъугъэ махуэращи… ар дэтхэнэ зым дежк1и ди гуфIэгъуэшхуэщ…. мы гуф1эгъуэ дахэм дыкъыщ1ек1уэл1ар хэхъуэ дызэри1эращи Яллэхь..мы си гум къыбгъэдэк1ыу нобэ сабий дыгъэ ц1ык1уу Тхьэшхуэм къызэривитам папщ1э сэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ..фи унагъуэм..фи нэхъыжьхэм..фи лъэпкъым… псэ къабзэ, псэ нэху, гу щабэ, гу хьэлэл, акъыл жан, щ1эныгъэ куу зи1э, хабзэ-нэмыс зыхэлъ сабий Аллыхьым фхуищ1…Махуэ дыгъэм хуэдэу фи сабий ц1ык1ум и гъуэгур нэхуу, псы къыщ1эжым хуэдуу и гур къабзэу…Мыдэк1э узыншагъэм нэхъ япэ зыри щы1экъыми.. Аллыхьым узыншагъэ быдэ къып1ырилъэхьэ….сабыр ц1ык1уу Тхьэм къыфхуигъэхъу…псэ быдэ ц1ык1у Тхьэм фхуищ1…Гъэсэныгъэ куэду хэлъуу..фи лъэпкъыр пщ1э дахэк1э игъэпэжу.. Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэри-сэ сыхуохъуахъуэр Тхьэм фи лъэпкъыр а сабийм къызыгъэпэжын ищ1… и гуф1эгъуэ куэд Тхьэм фигъэлъагъ1у…нэщхъеигъэр фи мащ1эу..гуф1эгъуэр фи куэду..бэрычэтыр фи унагъуэм илъуу Тхьэм куэдрэ унагъуэкэ фыздигъэузыншэ..Аллыхьым сабий макъ куэд иджыри фи унэбжэм къыщы1ук1ыу Тхьэм фигъэлъагъу…
Мыдэк1э мы ерыскъыр къызы1эта пщ1эшхуэ зыхуэтщ1 фи нэхъфжьхэми хъуэхъук1э сырихуэупсэну сыхуещ..Къалъхуа сабий ц1ык1ум и анэшхуэм..и адэшхуэм..и адэ-анэм дэнк1э ямыгъазэми гукъыдэж дахэ я1эу, беричэтыр я унагъуэ илъуу..Аллыхьым куэдрэ а къалъхуа сабий ц1ык1ум яхуигъэпсохэ… Мы илъэсыщ1э дахэ сабийк1э фызытехьар Тхьэм угъурлы унагъуэк1и лъэпкък1и фхуищ1.
(с) М
Дывохъуэхъу, псэм хуэдэ ди лъэпкъэгъу лъапIэхэр.
Дыщогугъ лъэпкъыр лъэпкъ зыщI адэ-анэхэр нэхъыбэ хъун къудейм къыщымынэу, хэкупсэ яIэу щIэблэр лъэпкъым къезытын адэфIрэ анэ гумащIэкIэ ИлъэсыщIэр къыдэтэну, дыщогугъ удын мыухыжым игъэундэрэбжьа ди анэдэлъхубзэм гъущэпсыщэу мыхъуу зэхищIэу еIэзэну цIыхум и бжыгъэр махуэ къэс хэхъуэу ар жьантIэм щыдэтшэжыну пIалъэр икIэщIыпIэкIэ къэсыну, дыщогугъ дызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу ди лъэпкъыщхьэр къэдгъэщIэрэщIэжыну.
ИтIани дохъуапсэ, дохъуэпсащэ, дыщIохъуэпс. Нэхъыбэ дыхъуну, нэхъыбэ къытхыхьэну, нэхъыбэм дызэхахыну, нэхъыбэм дагъэгушхуэну.
ИлъэсыщIэр гугъэм и лъэтеувэщ. Дызытехьэ ИлъэсыщIэри дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми махуэ яхуэхъуну, фIыгъуэ мыухыжыр къыхудэкIуэну Адыгэбзэ Хасэр дохъуахъуэ! Дохъуахъуэ ди бзэ дахэм ди унагъуэ дахэхэм я жьантIэр щиIыгъыу, ди жьэгу ди Iэнэгуу, гугъэрэ гуфIэгъуэкIэ, цIыхугъэрэ IэфIыгъэкIэ дыбейуэ дызытехьэ илъэсым Тхьэм къыщытпигъаплъэ дахэм дыIущIэну! Дохъуахъуэ адыгэпсэ зыIутым и адыгэгур ину къытеуэу, и лъэпкъ зэрыхуэхъуапсэ псори къехъулIэу, сытми ехъулIэрэ къызэщызыгуэ щымыIэу, и гуащIэр ирикъурэ и пкъыр къыщIэмылIэу узыншэу илъэсыр ирихьэкIыну!
Зи нэхъыжьыр махуэ, зи нэхъыщIэр нахуэ лъэпкъ АДЫГЭР дыхъужыну дохъуахъуэ!
Хъуэхъу дахэ на день рождения бабушке
Адыгэ хъуэхъу дахэ
Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,
Щlым и лъащlэр ди тlысыпlэу,
Къаскlэхэр ди бийхэр арауэ,
Хъуаскlэхэр ди жьэгу мафlэм къыдидзу,
Дыгъэ къуэпсым и нэхур къытхидзу,
Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,
Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,
Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,
Жагъуэгъухэм ягу щагъэфlхэр ткъутэу,
Езыхэм ди щхьэц налъэ яхуэмыкъутэу,
Ди къуэшхэм щынэлыр ядэткъутэу,
Ди пщащэхэм закъутэрэ загъафlэу,
Ди губгъуэ lэнэхэр дыгъафlэу,
Гупсысэ lэфlхэр гухэм щыдгъафlэрэ
Къытпэщылъ lуэхухэр щlыкlафlэу,
Гъуэгу къытпэщылъыр къызэнэкlыгъуафlэу,
Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,
Гъуащэхэр нэ къыдэзыщэхэр арауэ,
Ди унэ гуащэхэр lущабэу
Дызытеувэр щlы фlыцlэ щабэу,
Зыддзымэ дымыщэ пlащэу,
Ди пщащэхэр къытхуэгумащlэу,
Адыгэ Хабзэр ди щlэблэм едгъащlэу,
Шыгъу пlастэм зыщыдмыгъащlэу,
Фlы щlэным дыхуэпlащlэу,
Нэщхъеягъуэхэр ди мащlэу,
Ди псы уэрхэр lуедмыгъащlэу,
Ди псыхъуэжь кlуэцlхэр къабзащэу
Адыгэ цlыхухэр щэджащэу,
Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,
Жьы махуэхэр къытхуепщэу,
Ди псыхэр мыутхъуэрэ,
Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщlэжу,
Ди lэнэм тетыр тхъущlэжу,
Ди тхыдэ телъыджэр тщlэжу,
Щlэблэр къуэпс бжыгъэншэу къыткъуэжу,
Сыт тхузэфlэмыкlами зытщlэжу,
lуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,
Ди напэхэр мылъку щхьэкlэ дымыщэжу,
Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,
Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу
Зэпыча псор тхузэпыдэжу,
Ддэр цlыхугъэрэ напэу,
Адыгэ Хэкум и lуэхур тфlэнэхъапэу,
Зэгурыlуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу
Щхъужь къыдатхэр тфlэфоматэу,
Ди псыежэххэм я щlагъыр мывэкlэщхъыу,
Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу!
Щауэ фIыцIэ набзапцIэу
ЩIыпцIэр зыгъэхулIэ,
ЛIыцIэкIэ дызэджа,
ЕкIэпцIэ ц1ынэ къэпшами,
Пхудогъэгъу,
Пхъэ гъур къэпшами,
Дынохъуэхъу!
Хъуэхъур зи щIасэу,
Ди псэм хуэдэу ди щIалэ!
КъэкIуэж, дыноджэ.
Къеблэгъэж, дыножьэ.
Жьыхэр дыпхуохъуахъуэ,
ЩIалэхэр къохъуапсэ,
ПсэукIэщIэм щIыбодзэри,
Дзыншэ Тхьэм уищI!
Уей, ди щауэ фIыцIэ,
Уей, ди щауэ набдзапцIэ,
Уей, ди шынэхъыщIэ,
ЛIэщIыгъуэр зей,
Зейхэм я дэрэжэгъуэ,
Бажэм уещэм,
Щыхь къэбукIыу,
ХъыкIэ уещэм,
Дыщэ къихъуэу,
Уи ныбжьэгъу куэд ухъу!
Мыр лъэпкъ лъэужьым
Къыщежьа лъагъуэщ,
Лъэпкъ мыгъэкIуэдщ,
Уи жьы хъугъэм
Дамыгъу дэгызэщ,
Уи ныбжьэгъухэр
Гъуэрыгъуэ шэнтщ,
ГъащIэм и щIэращIапIэщ,
ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ,
Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ,
ФIыгъуэшхуэр лъэпкъым къихьащи,
Хъуэхъубжьэр къызэхуашэс,
Зэхуэсахэм хъуэхъу къыпхужаIэ,
Псэхэр мэгуфIэ,
Блэгъэф1хэр мэпэкIу,
КэкIуахэр уэ къожьэ,
Къеблэгъэж, дыноджэ,
КъыдэпщIари догъэгъу,
Ди фадэбжьэр мэсыс,
Уи нэмысым дыпоплъэ,
ДыпIуплъэну дыножьэ,
Ди фадэбжьэр убыд!
Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,
Уи анэм дахэу епсалъэ,
Уи лъабжьэм дохъуэхъу,
Тхьэм и хъерым долъэIу!
Дыщэ фалъэр зыIэщIагъэувэу
Жыхафэгум къэдгъэувын,
Си щ1алэ, къэкIуэж!
Нобэ жьыи щIэи
Мыбы гугъу дехьам
Фи гъащIэр кIыхьу,
Фм намысыр лъагэу,
Фм насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьри вгъэвэфу,
Тхьэм фигъэпсэу!
Тхьэрыкъуэ пхэхуу,
Бжьэхуцыху Iэпэу,
Iэпэ зыхуишийм
Псэ къыпигъэкIэу,
КъэкIыгъэу щыIэм
И шхын хэлъу
Уздэувэм ущимыгъэгупсысэу,
УздэтIысым ущимыгъэжейуэ,
Ужеям къыптелъэщ1ыхьрэ,
И Iэнэгур къабзэрэ
И бзэр къыпхуэIэфIу
Къэпшамэ, уехъулIащ, тIасэ!
И нэр зэтридзрэ
Дыгъэ бзийр къыщIидзмэ,
И жьэр зэтрихрэ
Дахэ къыжьэдэкIмэ,
Тхьэмадэжьри имыгъэхызэу,
Гуащэжьри иримыгъэк1уэтэкIыу,
ЕкIуэтэкIар къришэлIэжыфыну
Тхьэм акъыл кърит!
«Сыунэнщ» жыпIэу
Лъэныкъуэ зыщебгъэзам:
Мэшу тепсэр
Ажэ жьакIэу уфафэу,
Афэ гъуапэу уэндэгъуу,
Уи фохэр гуибгъуу,
Уи шыгъухэр гуиупщIу
Тхьэм уегъэпсэу!
Войдите в ОК
Ди губгъуэхэр гъагъэу,
Ди хъушэхэр багъуэу,
Псыкъелъэхэр мыгъуу,
Хъуапсап1эхэр тлъагъуу,
Нэхъыжьхэр тщхьэщыту,
Ди щ1эблэр пэрыту,
Зыдужьрэ деф1ак1уэу,
Гъуэгу пэжыр ди к1уап1эу,
Блэк1ар тщымыгъупщэу,
1уэху 1ей зэ1удмыщэу,
Хабзэф1хэр дгъэлъагъуэу,
Щ1эблэф1хэр дгъасэфыу
Дунейм гу щытхуэну,
Ди лъэпкъыр багъуэну,
Сэ нобэ сохъуахъуэ.
Къэхъунуи сохъуапсэ.
Нысэ цIыкIу къатшэр:
Фадэм хуэдэу Iущащэу,
Мэлым хуэдэу Iущабэу,
Джэдым хуэдэу быныфIэу,
ХьэфIым хуэдэу Iумахуэу,
ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,
Ди нысэмрэ ди щауэмрэ
Фомрэ цымрэ хуэдэу зэкIэрыгъапщIэ,
Я лъакъуэ зэхэгъуащэм,
Дунейм фIыгъуэкIэ тегъэт.
«Унэишэ Хъуэхъур» адыгэхэм жаIэу щытахэт нысащIэр бжэщхьэIум къебэкъуа щIыкIэщ. Езы нысэр лъакъуэ ижьымкIэ бжэщхьэIум йобакъуэ. АдэкIэ мэлыфэ цIынэ, и цыр къыдэгъэзеяуэ, къаубгъури, абы трагъэувэ. Абы щытеувэкIэ нысащIэм къохъуэхъу унагъуэм и гуащэри адрей фызыжьхэри, мы къэкIуэну хъуэхъу псалъэхэр.
Лъапэ махуэ къыщIегъэшие, угъурлыгъэкIэ!
Мы зытеувэм цы налъэу тетым хуэдиз
Нэмыс, насып узыншагъэ къет!
«Щауэишэж хъуэхъухэр» жаIэу щытахэт щауэр езы и унэм къашэжым дежт:
Уей, ди шынэхъыщIэу —
Уи бжьыгъуэмрэ кIыхь ухъу!
Мыр лъэпкъ лъэужьым къадежьа лъэгъущ,
Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ.
Адыгэ хъуэхъу дахэ
Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,
УНЭИДЗЫХЬЭР ХАБЗЭ МЫХЪУМЫЩIЭТ
Унэидзыхьэр къызыхэкIар Iуэхугъуэ Iэджэм епхауэ щытауэ жыпIэ хъунущ: адыгэ хабзэм идэу щытакъым, цIыхубзыр езыр зыфIэфIым дэкIуэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубз дэкIуэ щыIакъым, атIэ ятрэ ящэрэт щыIар. Ар хуейми хуэмейми яубыду Iыхьлыхэм лIыгъэкIэ зыхуэмейм иратын, иращэныр арат хабзэу яхэлъыр.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэпылъурз зэгуакIуэрт, зэрышэнуи зэгурыIуэрт. Ауэ хъыджэбзым езым и унафэкIэ дэкIуэ зэрымыхъунур ищIэрти, щIалэм жриIэрт:
— Сэ уэ псэуэгъуу сыбдэкIуэну си гуапэщ, икIи сыхьэзырщ, ауэ си Iыхьлыхэр зэрыткIийр уэри уощIэ, къыслъыхъуи, сыкъуатмэ, сыхьэзырщ.
Абы лъыхъу щIалэм и щхьэр зэригъэгугъэжымкIэ, а зылъыхъум и дэлъхухэм хуэдэр кIэсу къихьыну лIыгъэ иIэт. Ауэ имыIэр лъэпкъыцIэт. Мобыхэм ауэ зэрыщIэупщIа къудейр я гум темыхуэу къагъэпудат. Къагъэпудыр езы щIалэр армыру, ауэ лъэпкъыцIэкIэ езыхэм нэхъ зыдрашейуэ зэрыщытыр арауэ. ЛIыгъэ зиIэ адыгэ щIалIэр, а езым нэхърэ нэхъ икIэхэм къагъэпуду дауэ игу техуэнт?!
ЩIалэр абы хуабжьу къигъэгубжьырти, и щхьэр абы текIуадэми, хъыджэбзым и дэлъхухэм я щыщ IэщIэкIуа-дэми идэрт, хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихым.
Мис а зэгуэпым къыхэкIыу хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихыну мурад ищIырти, иужь ихьэрт. Хъыджэбзыр зыпэщIигъэхуэн щхьэкIэ Iэджэрэ иужь итт.
Пасэрей хъыджэбзхэр къэпхьын хуэдэу дэнэ и дежи къыщыппэщIэхуэртэкъым, дэнэ хуейми ягъакIуэу щытакъым. Ар зэкъуэхуауэ къыпэщIэзыгъэхуэн къилъыхьуэрт. Дауэ хъуми, щIалэм и ныбжьэгъу гуп дэщIыгъуу кIуэрти, хъыджэбзыр къихьырт.
Зы лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым ехъуэпсамэ, етIуанэ лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхузэгуэпамэ, хъыджэбзыр ауэ хейуэ къелынт? Хъыджэбзыр и Iыхьлыхэм яIэрыхьэжми, кърамытыну Iэмал имыIэу Iэрубыд ищIт.
Мыпхуэдэуи къэхъут: щIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIт. Хъыджэбзым епсалъэрти къишэну мурад зэрыхуищIар жриIэрт.
«Мыр мыпхуэдизу къызэпэгэкIыу, жэуап къудей щызмыгъуэтауэ»,- жиIэрти, щIалэр абы хуабжьу къызэгуигъэпырт. Зэгуэпым къыхэкIыу а хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихьэрт. Апхуэдэр игъащIэкIэ кърамытынуми, хъыджэбзыр зышэну щытахэм къызэрамыпэсыжу Iумпэм ящищIырт. Ари етIуанэ Iуэхугъуэт.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ фIы Iейуэ зэрылъагъуу, зэрышэнуи зэрыгъэгугъауэ, хъыджэбзыр езыр зыхуэмей нэгъуэщI зыгуэрым иратыну зэрахуэ щыхъукIэ, хъыджэбзым зыпылъ щIалэм хъыбар иригъащIэрт:
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ Iей дыдэу зэгуэкIуауэ, Iэджи щIауэ зэпылъу, лъэпкъкIи зэхуэдэу уащрихьэлIэ щыIэт. Ауэ уасэ куэд къыжраIэрэ, щIалэр къулейсызрэ уасэу яритыныр хузэфIэмыкIыу хъыджэбзыр нэгъуэщIым иратын хъумэ, щIалэр абы къигъэгужьейрти, зыгуэркIэ зэфIэкIыжынщ, жиIэрти, гузэвэгъуэм къыхихырти, къихьт. Ар еплIанэ лIэужьыгъуэт. Мис абыхэм яхуэдэ Iуэхугъуэщ хъыджэбз яхьыныр къызыхэкIыу щытар.
Унэидзыхьэм и хабзэр зэрекIуэкIыу щытар:
Хъыджэбзым и Iыхьлыхэм псынщIэу хъыбарыр зэхахмэ, пхъэрыр щIэхыу и ужь ихьэт. Пхъэрыр къащIыхьэмэ, хьэлэч зэрыщIти, хъыджэбзри трахыжт.
Пхъэрыр къащIэмыхьэу хъыджэбзыр яхьмэ, зыхь щIалэм я унэм ихьтэкъым. Я унэм ихьмэ, псынщIэу къагъуэтынурэ трахыжынут. Нэмыс зиIэу къуажэм дэс нэхъ лъэрызехьэIуэм и деж ирихьэлIэрти, абы къан хуищIырт. Хъыджэбзыр абы игъэтIысти, езы щIалэри я унэ мыкIуэжу, зыгуэрым я деж кIуэрти, щауэ къан захуищIырт.
Хъыджэбзыр зрахьэлIам а Iуэхур зэфIимыгъэкIыфу хъыджэбзыр фIахьыжмэ, и напэр текIат, и лIыгъэри къутат, и нэмысри кIуэдат. Абы папщIэкIэ и къарури и гупсысэри Iуэхум иритауэ иужь итт, и напэр имыгъэукIытэн папщIэ.
Япэр арати, зрахьэлIар хъыджэбзыр зейм, къызыхэкIа лъэпкъым щIэупщIэрти зригъащIэрт, я лъэпкъым узыбгъэдыхьэу узэпсалъэ хъуну яхэтыр зригъащIэрт. Къэзыхьам хъыджэбзым и Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым, а зрихьэлIам зэрызэфIигъэкIынур, зыгуэр зэрырищIэнури ищIэрти. Псори а зрихьэлIам и пщэ дэхуат. А зрихьэлIам зэреджэр «тешэрэщт».
А зрахьэлIам лIы щхьэпэ къилъыхъуэрти, хъыджэбзым я деж игъакIуэрт.
Хъыджэбзыр здэщыIэр къызэращIэу, ар зейхэр къэсырт, хъыджэбзыр яшэжын мурад яIэу. Ауэ хъыджэбзыр кърагъэгъуэтткъым дауэ ящIми. Къуажэм цIыху хуэдэу дэсхэр Iуэхум къыхашэрт.
А зрахьэлIам ауэ джэгу цIыкIукIэ къуитыжынутэкъым ар, мы дунейм цIыхурэ Iуэхурэ щыIэу. Хъыджэбзыр яшэжынути, кърагъэгъуэткъым. А здэщыIэм и нэмысым фIолIыкIхэри Iей зыкъыхуащIу къажьэхэфыщIыхьыфкъым. Iуэхур щагъэткIийм, къуажэм цIыху хуэдэу дэсыр ираутIыпщырти, зэрыхъунумкIэ еуэхэрт.
Адыгэ лIыжьхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ зэфIагъэкIыурэ есати, кIэ ирамыту етIысэхынухэтэкъым. Арати, жылэр тегъуалъхьэрти, и нэчыхьыр ятхт. Псори зэфIэкIыу нысэр зейм ишэжын щыхъукIэ, зрахьэлIам, езым ипхъу яшэ хуэдэу, фызышэу дригъэшыжт.
Хуэфащэ саугъэти хуищIауэ иригъэшэжт. Нэчыхьытхыр и ужь иту кIуэрти, зэрызэпсэлъам пцIы къыхэмыкIыу и нэчыхьыр ятхт. Ар, зэрыхабзэти, жылэр къагъэгугъэу щыдашыжакIэ, пцIы къыхэкIыжынутэкъым. Хабзэ екIуэкIым тету, зи нэчыхь ятха нысащIэр илъэскIэ дэст къамышэу.
Унэидзыхьэр мы зэрыжытIам хуэдэу дахэ цIыкIуу зэфIэкIтэкъым. Абы гуауэщхьэуэ Iэджэ къыхэкIт. А Iуэхум пхъур зейхэр къызэгуигъэпт, икъукIэ къигъэгубжьт.
Унэидзыхьэ кIуэм и мурадыр къехъулIэну и гугъэу кIуэрт. Ауэ здэкIуам ар зымыдэн зыгуэрхэр къарихьэлIэрти, хьэлэч къызэтрищIэрт. Хъыджэбзыр кIийуэ къыщыдахкIэ, абы и Iыхьлы гуэр къарихьэлIэмэ, зыгуэр имыукIауэ е имыуIауэ яригъэхьынутэкъым. Ар кIийуэ дахыу зыдэн Iыхьлы щыIэтэкъым.
Хъыджэбзым фIэфI дыдэу зригъэхьми, «фIэфIу дэкIуащ,» жримыгъэIэн щхьэкIэ, мыкIиину Iэмал иIэтэкъым. Абы зыгуэр щарихьэлIэкIэ, зыгуэр еуIэ е еукIри, лъэпкъитIыр бий зэхуохъу. Мис а щIыкIэм тету а Iуэхум мащIэ хэкIуадэртэкъым.
Апхуэдэ бэлыхь зи Iуэхум къыхэкIа хъыджэбзри «угъурсызщ» жаIэти, зышэну щытахэми къамыдэж хъути, щIыбагъдэдзэ хъужырт.
Унэидзыхьэм и бэлыхьым къыхэкIыу Инэрыкъуей мыпхуэдэ бэлыхь къыщыхъуауэ щытащ 1914 гъэм:
Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ зэгуэкIуауэ зэрышэну зэпылът. ЩIалэм къишэну мурад щищIым, хъыджэбзым къыжриIащ:
Хъыджэбзыр бжэм къыщIаха къудейуэ, унагъуэр зейм я пхъурылъху зы лIыжь гуэр Iуэху иIэу дыхьащ, зыри химыщIыкIыу. ЛIыжьым сэшхуэжь пцIанэ иIыгът, зыщIыпIэ кърихыжуи, мо зэрызелъафэ гупыр щилъагъум, яхэлъадэри яхэуэу хуежьэри, зы анэм къилъхуауэ тIу яхэтти, тIури иукIащ. Хъыджэбзыр зыхь щIалэм епыджри уIэгъейуэ иуIащ. Абы хъыджэбзыр я Iуэхужынт, хьэдитIри уIэгъейри къыдашыжри къыдэкIыжащ. ИукIа щIалитIым ади, ани, къуэши, шыпхъуи зыри яIэтэкъым ялъ зыщIэжыни, я бжэр хуащIыжащ. Мыдрей щIалэ уIэгъэри абы иужькIэ щIагъуэ дэмыкIыу лIащ. Дауэ хъуми, лIищыр триукIащ.
Ахэр зэрыукIыу Iуэхур зэфIэкIакъым. Къэзыхьыну щIалэм и анэ къилъхуауэ шынэхъыжь иIэт. Абы илъ имыщIэжу игъэгъуну Iэмал иIэтэкъым.
ЦIыхубз хьыным и зэранкIэ а зы цIыхубзым лIиплI текIуэдащ. Езыри «цIыхубз угъурсызщ» жаIэри, ямышэу къыдэнэжри, и ныбжьри хэкIуэтауэ зы лIыжь гуэрым ишэжащ.
Ар зыукIыжар сытым и дежи хуэхьэзырт абы къиукIа лIы бжыгъэм хуэдиз иукIыжыну. Ауэ а IуэхумкIэ лажьэ зиIэ игъуэтакъым, зыукIа закъуэм и нэмыщI. Езым лажьэ зимыIэ иукIыну хуейтэкъым.
Пасэрей фыз къэшэкIэм мис абы хуэдэ гуауэщхьэуэрэ нэщхъеягъуэрэ къыхэкIт. Апхуэдэ бэлыхьхэр къыхэкIыу щIыщытар, цIыхубзыр и щхьэ хуиту, езыр зыфIэфIым дэкIуэ хъууэ зэрыщымытар аращ. А бэлыхь къомым хэмытын щхьэкIэ е хэмытыфу, фыз къыхуэмышэурэ Iэджи лIыжь хъурэ лIэжу щытащ.
Хъыджэбзри уасэшхуэ къыщIахыну я гугъэу къылъыхъум ирамытурэ къыдэнэжти, икIэм, зыхуэмей лIыжь гуэрым иратыжти, хуэмейуэрэ дэпсэурт.
Хъыджэбзыр и шэгъуэ зэрыхъуу щIалэ куэд къызэдежэрти къылъыхъут. Ауэ езы хъыджэбзыр зыфIэфIым ираттэкъым. Хэти уасэшхуэ паубыдт, хэти лъэпкъыцIэкIэ ягъэпудт. Хъыджэбзыр зейхэм зыдрашейуэрэ, къылъыхъур пагъэкIыурэ къылъыхъун дзыхь ямыщIэжу къыдэнэжт.
Хъыджэбзыр и шэгъуэ щыхъуам ирамытурэ и пIалъэр икIа нэужь, дэкIуэни щIали фIэмыIуэхуж хъурти, щIалэхэми къашэну яфIэIуэхужтэкъым, и Iуэхуи зэрахуэжтэкъым.
Куэдрэ къыщыхъу щыIэт: зэкъуэшитIым зыр быIуэбышэу, ныкъуэдыкъуэу, адрей и къуэшыр щIалэ къабзэ зэкIэлъыкIуэу. БыIуэбышэм къыхуашэн зэрыхъуу, и къуэш щIалэ зэкIэлъыкIуэр хъыджэбзым и лъэпкъым ирагъэлъагъурти, хъыджэбзым ирагъадэрт, абы тету нэчыхь ирагъэтхырт. Хъыджэбзыр къашэу хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, быIуэбышэр щIагъэхьэжт. Абы и бампIэм хъыджэбзыр ихьт.
Хъыджэбзыр залымыгъэкIэ ящэу зэрыщытам и щапхъэ куэд къэтхьыфынущ. Абыхэм ящыщ зыщ мыр:
Зы къуажэ гуэрым щыщ зы щIалэ гуэр нэгъуэщI зы къуажэ гуэрым щыпсэу зы хъыджэбз гуэрым лъыхъуу щIидзащ. Хъыджэбзыр езым я къуажэ зы щIалэ гуэрым дэкIуэну ехъуэпсати, а къылъыхъум яхудэкIуэн идэртэкъым. Пэжу къылъыхъур зыдэкIуэ хъуну щIалэт.
Зыгуэрым лъыхъуэу къуамытыныр икъукIэ пудыгъэу ялъытэу щытащ. Абы папщIэкIэ зэ лъыхъуу щIадзамэ, кIэрыкIтэкъым зыгуэр къикIьиху. Арати, дауэ хъуми, цIыху зыбжанэ хагъэхьа хъущ Iэхуми, хъыджэбзыр зейм ирагъэдащ иратыну.
— Уэлэхьи, мырам зэрыщытыр, хъыджэбзым зыгуэр уэчыл къедгъэщIынути, зигъэпщкIуащи дгъуэтыжкъым!
Сыт ящIэжынт, лIыжьхэми я щхьэр къыфIэхуащ. Зыкъомрэ нэщхъея нэужь, лIыжьхэм ящыщ зы хьэжы гуэ’рым ерагъыу зыкъищIэжри:
ЩIалэхэр укIытэри щIэкIащ.
Апхуэдэ Iуэху пщхьэмыпэхэр къэхъунутэкъым, иджы хуэдэу цIыхубзыр и щхьэ хуиту дэкIуэу щытыгъатэм.
Ахэр зэреплъыр нэхъ тэмэмт, дэ дызэреплъым нэхърэ.
Щоджэн Хь., КъардэнгъущI З.
Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995. Нап. 109-117.
УНЭИШЭ ЦIЫКIУ
Унэишэшхуэр ящIа нэужь, унэишэ цIыкIур ящI. Гуащэр нысащIэм щытехьэр унэишэ цIыкIуращ.
Абы джэдкъаз куэду къагъэIэгъуэ, мэл яукIри, хьэблэ фызхэр къызэхуашэс. (Унэишэ цIыкIум лIым и Iуэху хэлъыжкъым).
Iэнэм тепщэч пщыкIуз е, сэ сщIэрэ, пщыкIубл трагъэувэ, зэмыбжэгъуу. Фызыжь къомыр къотIысэкIри, нысащIэр къыщIашэ, щхьэтепхъуэр дэхьеяуэ, и нэкIур плъагъуу. Фызыжьу хъуар абдеж нысащIэм тохьэ, IэплIэ хуащI, йохъуэхъу:
— Мыр уи гуащэм къыпхуищIа псалъапщIэщ, тIасэ. ДяпэкIэ упсэлъэну хуит ухъуащ. ФIыгъуэкIэ Тхьэм уригъэпсалъэ!
Гуащэр абдеж къэтэджу и нысэм бгъэдыхьэркъым, емыкIущ, ауэ щысу къопсалъэр. Техьэр я гъунэгъу, я благъэ, я Iыхьлы фызыжьхэращ. Абыхэми псэлъапщIэ Iыхьэ ят. КърахьэлIам щыщ щхьэхуэу хутрагъэувэу мыпхуэдэу щыжаIи къыхокI:
— Мыр уи гуащэ нысэгъум и псэлъапщIэщи, абыикI уепсэлъэну ухуитщ.
Ар зэфIэкIа нэужь, нысащIэр щIашыжри, фызыжьхэр зыкъомрэ къафэу, ефэ-ешхэу зэхэсхэщ.
«Анзорей», 1991 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэ, №7.
ЩАУЭИШЭЖ ХЪУЭХЪУ
Пасэ зэманым адыгэхэм хъуэхъу дахэ куэд яIащ. Адыгэхэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэми техъуэхъухьырт. Лэжьыгъэ гуэр ящIэну щыщIадзакIэ, «Iуэху пэублэ хъуэхъу» жаIэрт, унэ, псэуалъэ щащIкIэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, унэщIэм щыщIэтIысхьэкIэ, мазэщIэ къэунэхуауэ щалъагъукIэ, нысэ къыщашэкIэ, щауэр щрашэжкIэ, сабий къыхуалъхуауэ гущэм щыхапхэкIэ. Куэд хъурт адыгэхэм я хъуэхъур. А хъуэхъухэм щIэблэр щIагъэдэIурт, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ яIэт.
Хъуэхъу дахэр кIыхьу изышыфхэр цIыхухъухэми цIыхубзхэми къахэкIыу щыIэт. Ахэр ягъэхъуэхъуэн щхьэкIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, нысашэ хьэгъуэлIыгъуэхэм ираджэрт. Апхуэдэу ягъэхъуахъуэу щытащ дэ къэтщIэжхэу Агънокъуэ Лашэ, ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Тамбий Хьэблацэ сымэ. Апхуэдэ цIыху зэчийхэр зэхуашэсурэ щызэпрагъауэ къэхъурт, текIуахэм саугъэтхэр ирату.
Зи гугъу тщIа адыгэ хъуэхъу куэдым ящыщ зыщ «щауэишэж хъуэхъур». Пасэм щыгъуэ нысэ къашамэ, къэзыша щIалэр щауапIэ кIуэрт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хьэгъуэлIыгъуэм и дауэдапщэр дэкIыху и ныбжьэгъу гуэрым деж екIуалIэрти, абы щыIэт. Нысашэ хьэгъуэлIыгъуэм иращIэкI Iуэхугъуэ псори зэфIэкIа нэужь, лIыжьхэр къызэхуэшэсыжырти, Iэнэ къыхуагъэувырт, ирагъафэрт, ирагъашхэрт. А лIыжь гупым кърагъэблэгъэжын хуейт «щтапIэ» кIуэжа щауэр.
Адрейуэ щауэр зэкIуэлIам фадэ-пIастэ Iэнэ къыхуигъэувырт, и ныбжьэгъухэр къызэхуишэсырти, яужь дыдэу абы щызэбгъэдигъэсырт. ИтIанэ, ар щауапIэм кърашыжырт, уэрэдхэр жаIэу, фочхэр ягъауэу, лIыжьхэр зыщIэс унэм щIамышэу бжэм деж ягъэувырт. И ныбжьэгъухэм махъсымэбжьэрэ абы хуэфэщэн ерыскъырэ яIыгът, къызыхыхьэ лIыжь гупым къыхуахьауэ. ЛIыжь гупым ящыщу нэхъ щIыхь зиIэу, нэхъ жьакIуэу зы къэтэджырти, махъсымэбжьэ иIыгъыу мы хъуэхъур жриIэрт:
— Уей, ди шынэхъыщIэу лIэщIыгъуэр зей!
Бажэ уещэм, щыхь къэбукIыу,
ХъыкIэ уещэм, дыщэ къихъуэу,
Уи ныбжьымрэ уи бжьыгъуэмрэ кIыхь ухъу!
Мыр лъэпкъ лъэужьым къыдежьа лъэгъущ.
Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ.
Уи нузырым хъерыр хуэIэгъуэщ.
Уэ ныбжьэгъухэр уи «щтапIэ» гъусэщ.
ХамитIым я лъыр лъэпкъыр зейм хуогъагъэ.
Дунейм я фIыгъуэр гъуэрыгъуэ шэнтщ.
Пэрыт Iэдэмым и мылъку пэIущIэщ.
ГъащIэхэм я щIэрэщIапIэщ.
ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ.
Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ.
ГуфIэгъуэшхуэр лъэпкъым къыщихъуэкIэ
«Жумарт нэсым» къуита псэуэгъущ,
Тхьэшхуэм и саугъэтщ.
ЛIыжь къэкIуахэр уэ къоджэ,
Уи кIуэдэгъухэр мэтут,
Зи ярэтхэр уэ къожьэ.
Ди фадэбжьэр мэсыс,
Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,
Уи анэм дахэу епсалъэ!
Уи лъабжьэм дохъуэхъу,
Тхьэм и хъерым долъэIу,
КъолъэIу гупым къахыхьэ,
Гъуэгу темыхьэр бэнакIуэщ,
«Сожей» жыпIэу ухэмыжае!
Абы иужькIэ щауэр и ныбжьэгъуитIым яку дэту щIыхьэрти, махъсымэбжьэр къаIихырт, ефэрт. И ныбжьэгъухэм къахьа махъсымэбжьэмрэ ерыскъымрэ лIыжьхэм я Iэнэм хутрагъэувэрти къыщIэкIыжырт, щауэри хуит хъужати, и пщIантIэм къыдэнэжырт.
«Ленин гъуэгу», 1984 гъэм августым и 11.
ТIОЛАКЪ
ЦIыхубзым бэлыхьрэ пудыгьэрэ зэрырахыу щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъ Iей дыдэт «тIолакъ» жыхуаIэр. Ар зэрыщытри зищIысри иджырей ди цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым. «ТIолакъ» жыхуаIэр зищIысыр мырат: фызыр и лIым дэпсэу мыхъуу, лIым сыт хуэдиз мыхъумыщIагъэ кIэрылъми, ар цIыхубз дэпсэу мыхъунуми, лIы мыхъуми, и фызыр икIыжыну хуиту щытакъым, и лIым хуит имыщIу, ауэ лIым и фызыр иригъэкIыжыну хуитт, фызым. зы дагъуэ имыIэми.
А щIыкIэм тету лIымрэ фызымрэ езы тIур зэIуплъэ мыхъуу лIыкIуэкIэ зэрышэжыну зэгурыIуэмэ, шэрихьэткIэ зы щIалэжь гуэр нэчыхь хуатхырти, жэщым фызым и деж щIагъэхьэжт. Жэщым нэху къекIа нэужь, щIалэжьым шэрихьэткIэ хьэрэм ирагъэщIыжырти, фызыр къабзэ хъужат, хьэлэли хъужати, и лIым ишэжи дэкIуэжи хъунут.
Ауэ абы нэгъуэщI зы Iуэху пщхьэмыпэ къыщыхэкIи къэхъут: жэщым щIагъыхьэжа щIалэжьымрэ фызымрэ ягу зэрихьрэ, фIыуэ зэрылъагъурэ, и лIым дэкIуэж нэхърэ абы дэпсэум нэхъ къищтэу хъурэ къызэхуэнэу, и лIыр ауэ гъэпкIауэ къанэу. ШэрихьэткIэ я нэчыхь тхащ, зыри пхуещIэнукъым.
Ар адыгэ хабзэм шэрихьэтым къыхилъхьа хабзэт, армыхъумэ фыз игъэкIыжыр ди хабзэм хэлъакъым. Дэ ди хабзэу щытар: фызым къимылэжьын къилэжьарэ губгъэн хуащIамэ, и лъакъуитIыр шы мыгъаситIым кIэращIэрти, зэкIэщIатхът. Ауэ фыз игъэкIыжыныр ди адыгэм япэ ды дэ къыщызыублар Къэзэнокъуэ Жэбагъыуэ жеIэр IуэрыIуатэм.
Е щIалэжьым зыIэщIимыубыдэу къиутIыпщыжмэ, и лIу щытам ишэжыну хуит хъуати, щIэрыщIэу нэчыхь хуатхт, иратыжти, фызыр зеям къыхуэнэжт. Мис аращ «ТIолакъ» жыхуаIэу щытар.
Хъыджэбзыр зэрашауэ, щIагъэлъхуауэ, яшэну зэрамыпэсу къыдэнэжауэ, цIыхум зэрыдэпсэун акъыл имыIэу, къагъапцIэри къылърагуауэ, ягъэунэхъуауэ щIалэм жраIэрт.
ЩIалэжьым дэнэ и деж къыщыщIидзэнуми ищIэркъым, сыт ищIэнуми къыхуэгупсысыркъым.
НысащIэри «унэишэ, къишэж» жаIэурэ зэралъафэурэ, мо мыцIыху куэдым и щхьэр ягъэунэзащ, а лIы къыщIыхьэжынум егупсысурэ и акъылыр фIэкIуэдащи, дунейр кIагъэпшагъэ хуэдэу нэмыщI и нэм илъагъуркъым, зы бэлыхь къыщыщIыну фIэщIу гужьеящ.
Мис апхуэдэ щытыкIэм иту, щIалэжьыр къыхущIинэр-ти щауэкъуэтыр къыщIэкIыжырт.
Фыз Iэзэр хьэзырыххэт, и «жинхэр» и гъусэу къэсырти, еплът-къеплъыжт.
Мис а щIыкIэм тетурэ, лажьэ зимыIэр ззхаубэражьэрт, игъэгужьейрти, сымаджэ дыдэ ящIырт. Мис апхуэдэ бэлыхьхэр къикIт, цIыхубзхэр зыхуэмей е имыцIыхум залымыгъэкIэ иратыным, мылъкукIэ иращэным
Щоджэн Хь., КъардэнгъущI З.
Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995. Нап. 105-108.
АДЫГЭ «ЩIАКIУЭ КIАПЭМ» И IУЭХУКIЭ*
Сосрыкъуэ и бийм щыхуэзам хъуагъэщагъэ хуекIуэу пIалъэ къызэрыIырихар, иужькIэ хабзэм тету къару хьэлэлкIэ пэмыуву, удыгъэ хилъхьэу ТIотIэрэшыр зэриукIарщ нартхэр Сосрыкъуэм бий щIыхуэхъуар. Сосрыкъуэ ТIотIэрэшым зэрезэуа щIыкIэр зыми игъэзэхуакъым.
Нэгумэ Шорэ итхыж хъыбарыр пэжу щытмэ, адыгэ пелуан Редадэрэ Тмутаракъаныпщ Мстиславрэ (Владимир Святой жыхуаIэм и къуэрщ) я Iэщэхэр зыпщIэхахыу, хьэлэлу къарукIэ зэбэныну щызэрыубыдам щыгъуэ, сыхьэт зытIущкIэ зэрызекъуащ, зэрытемыгъадзэу. Абы щыгъуэ Мстиславыр сэкIэ къемыпыджауэ щытамэ, Редадэр къыхигъэщIэфынутэкъым. АтIэ, Нэгумэм зэритхыжымкIэ, Мстислав хьэрэмыгъэкIэ Редадэр къызэриукIарщ, иужькIэ адыгэхэр кIуэуэ Тмутэрэкъаныр щIызэхакъутар, я пелуан Редадэ и лъыр щIащIэжар.
Мы зыри щапхъэу къэтхьыжынщ: ХьэтIохъущокъуэр дэмысу, Шужьеипщ езым и пелуан Хъусен Лъэгубгъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэм и пелуан Къуалэ Созэрыхьэрэ залымыгъэкIэ зэригъэбэну, и пелуан Хъусен Лъэгубгъуэр къыщыхигъащIэм, Шужьеипщ ябгъэдэлъадэу Созэрыхьэ и псэфылъэм хьэджасэ хихуэу зэриукIар арщ ХьэтIохъущокъуэм Шужьеипщ щIиукIыжар.
АтIэ, апхуэдэу гъэпцIагъэрэ хъуагъэщагъэрэ, хьэрэмрэ зэхэмылъу щыта зэуэкIэ хабзэщ «щакIуэ кIапэр». Иджырей зэманым къэсауэ щыIэщ псалъафэ «щIакIуэ кIапэ дызэдытеувэнщ» жиIэу. Абы къикIыр «дызэпэувэнщи, дызэхуэдэу лIыгъэкIэ дызэзэуэнщи, текIуэр псэунщ, зытекIуар иукIынщ» жиIэу арт.
IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, НапцIэ и къуэр лIы лъэрызехьэу хэкум зэрисым и хъыбарыр Хъаным и къуэм зэхихырти, ар иукIын мурад иIэу къэкIуащ. А зэманым НапцIэ и къуэм и къуажэр иджы мы ди къалэкIэу Александровкэр зэрыс щIыпIэм исащ. Махуэ гуэрым НапцIэ и къуэм шыр псафэ дишауэ Хъаным и къуэр къакIуэу зэхуэзэри, къиукIын мурадкIэ къызэрыкIуар къыжриIащ. ЗэмызэункIэ Iэмал имыIэ хъуащ.
Хъан и къуэри абыкIэ арэзы хъури щIадзащ. НапцIэ и къуэм и Iэпхъуамбэ етIуанэр пригъэупщIащ. Хъан и къуэм и чэзути, и Iэпэр къишияуэ НапцIэ и къуэр щеуэм, Хъан и къуэр шынэжри Iуипхъуэтыжащ. ЗэрызэраухылIам ипкъ иткIэ, НапцIэ и къуэр епыджри Хъан и къуэр иукIащ.
Зэрынэрылъагъущи, зэзэуэкIэр куэд хъурт, зэрызэраухылIэт, ауэ Iэмал имыIэу щIакIуэм тетын хуейт, ар я зэхуакуу.
«Ленин гъуэгу», 1967 гъэм январым и 22.
АДЫГЭМ IЭЗЭУ ЯIАХЭР
Пасэм щыгъуэ цIыхур дунейм къытезыгъэхьэу щытар фызгъалъхуэрт. ЛIэнур зымыгъалIэу къызэтезыгъэувыIэр молэрт. Хуабэуз зэфыкIыу зи щхьэр зэIыхьар нэхъри сымаджэ зыщIыфыр «жин Iэзэрт». Абыхэм нэхърэ нэхъ «Iэзэшхуэ» дэнэ къикIынт?
ЦIыхубзыр лъхуэн хуей зэрыхъуу, «щIэхыу» жаIэрти, фызыжь гуэр, фызгъалъхуэр, къраджэрт. Лъхуэну, фызыр тасыжь гуэр иригъэтIысхьэрти, и Iуэхур зэфIэкIт. Къалъхуам и бынжэр пиупщIт.
ЦIыхум хуабэ уз ефыкIыу хэIухь-хэвыхьу зэрыхуежьэу, «щIэхыу» жаIэрти, «жин Iэзэр» къашэрт.
— Мыр дэнэ щыIа, мы узыр дэнэ къыщыжьэхэуар, сыт хуэдиз щIа? Бзаджэнаджэ къебгъэуащ, жин фIыцIэ зэран къыхуэхъуащ. ЩIэхыу джэд гъуэжь, пыIэ щхьэрыгъыу, къэвгъуэт, мы дунейм тетмэ!